2026 гъэм гъатхэпэм и 24-м Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым щекIуэкIащ «Церковь рядом» къыхуеджэныгъэм щIэт япэ съездыр. Ар теухуауэ щытащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, волонтёр гупхэм жыджэру хэтхэр зэхуишэсащ, екIуэлIапIэм и зэгухьэныгъэхэм, щоджэнхэм дэлажьэхэр. Зэхуэсым и мыхьэнэр – зыр адрейм дэIэпыкъунырщ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжэнырщ.
Чристэн зэгухьэныгъэхэм щызэхуэсу щытахэм я щапхъэщ ар. Зыр адрейм дэIэпыкъуу, зэгъусэу Тхьэ елъэIун, Инджылым еджэн, я гур Тхьэм хузэIуахын папщIэ зэхуэст ахэр, - жиIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт зэхуэсыр къыщызэIуихым.
Нобэ Члисэр жыджэру хэтщ жылагъуэм и гъащIэм. Ар икIи гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэм къыдэкIуэу, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр и нэIэ щIэтщ. Сымаджэщхэм уIэгъэхэм щоIэзэр, мамыр цIыхухэми зыщIагъакъуэ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ядэIэпыкъу, Урыс Чристэн Члисэм члисэ псапэ лэжьынымрэ социальнэ къулыкъу щIэнымкIэ и Синод къудамэм и унафэщI щоджэн Лищенюк Евгений зэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм, зауэлIхэм яхуищIэ пастыр дэIэпыкъуныгъэхэм.
Архиепископ Феофилакт фIыщIэ тхылъхэр яхуигъэфэщащ псапащIэ нэхъ жыджэрхэм, абыхэм я унафэщIхэм Архиерей щIыхь тхылъхэр яритащ.