РАДОНИЦЭР КЪШР-М МЫЛЭЖЬЭГЪУЭ МАХУЭУ ЩАГЪЭУВАЩ

27.04.2024
Просмотры: 722

КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я сайтым къызэрыщыхьамкIэ, Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид унафэ ищIащ 2024 гъэм накъыгъэм и 13-р – дунейм ехыжахэр ягу къыщагъэкIыж махуэр (Радоницэр) Къэрэшей-Шэрджэсым мылэжьэгъуэ махуэу щыгъэувыныр.

Черкесск къалэ администрацэм жылагъуэ транспортыр пщIэншэу а махуэм къызэрегъэпэщ «Комсомолец - Кладбище» маршрутыр накъыгъэм и 12-м  пщэдджыжьым сыхьэти 8.00-м щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 18.00 хъуху, накъыгъэм и 13-м пщэдджыжьым сыхьэти 8.00-м щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 18.00 хъуху, накъыгъэм и 14-м пщэдджыжьым сыхьэти 8.00-м щыщIэдзауэ 13.00 хъуху.

 

 

 

722